ХЪУЭХЪУ,УСЭ,АДЫГЭБЗЭК!

Э.

Комментарии

  • 18 апр 2014 22:18
    Пщащэу щы1эр удз гъэгъащи,
    зыр зым нэхъ нэхъ дахэщ.
    Узд гъэгъам нэхъ дахэр розэщ,
    розэр псом нэхъ дахэщ.
    Розэм тхьэмпэ пымытыжмэ
    розэр дахэ хъужкъым.
    Розэм банэ темытыжмэ
    розэр розэ хъужкъым.
    Пщащэм щэн, 1эдэб хэмылъмэ,
    пщащэр хъужкъым дахэ.
    Пщащэм хабзэ игу имылъмэ
    хъужкъым пщащэр пщащэ.
  • 28 мая 2014 14:49
    Ди губгъуэхэр гъагъэу,
    Ди хъушэхэр багъуэу,
    Псыкъелъэхэр мыгъуу,
    Хъуапсап1эхэр тлъагъуу,
    Нэхъыжьхэр тщхьэщыту,
    Ди щ1эблэр пэрыту,
    Зыдужьрэ деф1ак1уэу,
    Гъуэгу пэжыр ди к1уап1эу,
    Блэк1ар тщымыгъупщэу,
    1уэху 1ей зэ1удмыщэу,
    Хабзэф1хэр дгъэлъагъуэу,
    Щ1эблэф1хэр дгъасэфыу
    Дунейм гу щытхуэну,
    Ди лъэпкъыр багъуэну,
    Сэ нобэ сохъуахъуэ.
    Къэхъунуи сохъуапсэ.

    Тхьэм къытлъигъэс!
  • 29 мая 2014 22:28
    Къохъуапсэр уи
    куэду,къофыгъуэр уи
    мащ!эу,пщ!э псори ф!ы
    защ!
    эу.Щыбагък!э
    пхуэпсалъэм
    къапсэлъыр ф!ы
    дыдэу.Уи фэр
    дахэу,уи гур
    къабзэу.Гукъыдэжыр
    тенджызым хуэдэу и
    хъуреягък!э хугъуэф!
    ыгъуэм ухэту.Гъащ!эм
    щыщу
    куэд,нэсыпым щыщу
    мыухыж.Щымыуэжыну
    акъыл,имыухыжу
    былым,уигъэлъэп!
    эну нэмыс.Уигъэпэжыну
    ныбжьэгъу.Гъэмахуэм
    хуэду ухуабэу,щ!ымахуэм
    хуэду
    укъабзэу.Бжьыхьэм
    хуэду убэву.Псы
    жылэмрэ,удз жылэмрэ к!
    уэдыжыху
    Аллыхьым уигъэпсоу.
  • 29 мая 2014 22:35
    Нысэ цIыкIу къатшэр:

    Фадэм хуэдэу Iущащэу,

    Мэлым хуэдэу Iущабэу,

    Джэдым хуэдэу быныфIэу,

    ХьэфIым хуэдэу Iумахуэу,

    ШыфIым хуэдэу цIэрыIуэу,

    Жыхапхъэр илъэфу,

    Унафэм едаIуэу,

    ГуащэкIэ Iэсэу,

    ПщыкъуэкIэ гумащIэу,

    Унэр игуу,

    ЛIыр и псэу,

    Ди нысэмрэ ди щауэмрэ

    Фомрэ цымрэ хуэдэу зэкIэрыгъапщIэ,

    Я лъакъуэ зэхэгъуащэм,

    ПхъэидзэкIэ ягуэшыжу,

    Дунейм фIыгъуэкIэ тегъэт.

    «Унэишэ Хъуэхъур» адыгэхэм жаIэу щытахэт нысащIэр бжэщхьэIум къебэкъуа щIыкIэщ. Езы нысэр лъакъуэ ижьымкIэ бжэщхьэIум йобакъуэ. АдэкIэ мэлыфэ цIынэ, и цыр къыдэгъэзеяуэ, къаубгъури, абы трагъэувэ. Абы щытеувэкIэ нысащIэм къохъуэхъу унагъуэм и гуащэри адрей фызыжьхэри, мы къэкIуэну хъуэхъу псалъэхэр.


    Унэишэ Хъуэхъу


    Я ди Тхьэ,

    Лъапэ махуэ къыщIегъэшие, угъурлыгъэкIэ!

    Мы зытеувэм цы налъэу тетым хуэдиз

    Нэмыс, насып узыншагъэ къет!


    Я ди Тхьэ,

    Къуэбын-щэбыну тхуэгъэщащэ,

    Лъэпкъ тхуэщI!















    «Щауэишэж хъуэхъухэр» жаIэу щытахэт щауэр езы и унэм къашэжым дежт:


    Щауэишэж Хъуэхъур


    Уей, ди шынэхъыщIэу —

    ЛIэщIыгъуэр зей,

    Бажэ уещэм —

    Щыхь къэбукIыу,

    ХъыкIэ уещэм —

    Дыщэ къихъуэу,

    Уи ныбжьымрэ

    Уи бжьыгъуэмрэ кIыхь ухъу!

    Мыр лъэпкъ лъэужьым къадежьа лъэгъущ,
    Уи жьы хъугъуэм дамэгъу дэгызэщ.
  • 29 мая 2014 22:45
    Ди нысэ цIыкIур
    IэфракIэ кIэщIу,
    Мастэ кIэщIырыдэу,
    Йыдар мытIэпIыжу,
    ТIэпIыхукIэ зекIуэу,
    НысащIэхэм я щхьэу,
    МахъсымэщIырейуэ,
    ИщIыр хъууэ,
    Данагъуэр и щхьэцу,
    Налкъутыр и набдзэу,
    Жыхапхъэр илъэфу,
    Унафэр иримыхыу,
    Хамэхэр къришалIэу,
    Благъэхэр и псэ нэхуу,
    Игу щигъэтIылъу,
    Игъэтылъар къищтэжу,
    Акъыл иIэу къыщIыхьэжу,
    Насып и1эу къыщ1ыхьэжу,
    Дыщэ быныр къилъхуащ жаIэрэ
    КъыщыгуфIыкIыу,
    Ди Тхьэ!
    Апхуэдэ нысэу къыдэт!
    ***
    Мы нэрыбгэ къыщIыхьар
    Хъерыгъэ пылъу
    Махуагъэ хэлъу,
    ДжанэкIэ ухъуу,
    Щауэхъурылъхуу,
    Къилъхур иузэду,
    Йыдыр мытIэпIу,
    Iупэмэ епщIу,
    Щ1ыфэмэ екIуу,
    ЗыдэкI1уу Iуэхум
    ЛIы кIэлъымыкIуэжу,
    Апхуэдэ ухъу!
    МафIэ хуэдэ гу хуабэу,
    Джэд хуэдэ быныф1эу,
    ХьэфI хуэдэ Iумахуэу,
    ШыфI хуэдэ цIэрыIуэу,
    И гуащэжьыр щIэкIамэ,
    Хуэзэшу,
    КъыщIыхьэжамэ,
    Щышынэу,
    Шынэ, укIытэ хэлъу,
    Быным якIэрыщIауэ,
    Быныр IэфIу илъагъуу,
    Гъунэгъум нэмыс яхуиIэу,
    Унэм илъым лъэIэсу,
    Къилъхур мазэм шы шэсу,
    Шу гуп псо дигъэкIыу,
    Къыдыхьэжыр мылъку хуэхъуу,
    Хъуэхъу хужаIэр къылъысу
    Тхьэм жьы къыддищI!
    ***
    Уэ гуащэнэуэс,
    Уэ гуащэнысэ дахэ,
    Дахэlэпэрыс,
    Дахэлъэпэрисэ,
    Дыщэкlэ нысэ,
    Дыщэкlэ лъабжьэ,
    Дыщэ lэбжьанэр бгъэхьэкъуу,
    Дыщэ хьэкъунэр бгъэхьэсэу,
    Дыжьын зэрыблэр уи лъапсэу,
    Бын псэlурыту,
    Гуащэжь псэгъэгуфlэу,
    Пщыжь гугъэтыншу,
    Данэ лъэужьу,
    Щуlэгъэ гъэужьыру
    Уи гъащlэ lыхьэр, си дахэ, Тхьэм уигъэхь!
    ***
    Нэрыбгэ цIыкIуу унагъуэм къихьар
    КъыздикIам лъэдакъэ махуэ къринэу,
    Къыздихьам лъапIэ махуэ кърихьэу,
    ДжанэкIэхъуу,
    Шауэ хъурылъхуу,
    Къилъхур ипIу,
    И щхьэр ипIыжу,
    И пщэ къралъхьэр игъэзащIэу,
    Зы щыщIагъи имыIэу,
    Зыми хуэмыныкъуэу,
    Гуныкъуэгъуи имыIэу,
    Шэнтым тесмэ,тхьэрыкъуэу,
    Зиукъуэдиймэ, аслэну,
    Аслъэн сокур и щхьэцу,
    И гуащэмкIэ жыIэщIэу,
    Мыгурыкъыу,
    Мыныкъуэкъуалэу,
    Унагъуэу къызэрыхьам
    ГурыIуэгъу яхухъу!
    ***
    Мы нэрыбгэр тхуэмахуэу,
    Лъапэ махуэ къытхихьэу,
    Къызыхыхьэм щыузэду,
    Езым хуэдэм ядекIуу,
    Дунейм екIур и фащэу,
    Дыщым фIыщIэ къахуихьу,
    Зыхыхьэри игъэбзу,
    Хабзэр убзэ фIэмыщIу,
    И щIэныгъэм хигъахъуэу,
    Зыщылажьэр ефIакIуэу,
    ФIы къэшэкIэм хуэIэзэу,
    И IэщIагъэм теунэу,
    Мы бынунэр и щIасэу,
    Дэмысыххэм хуэзэшу,
    Ар зэшыгъэм и шхэпсу,
    Къигупсысыр акъылу,
    ЗэIущащэр и цIыкIуу,
    ЗэдэхащIэр и ину,
    Быну иIэр зэхуэдэу,
    Адэм хъуэхъур хуиIэту,
    Анэм и псэр Iурыту,
    Тхуэпсэуну сохъуахъуэ!
  • 29 мая 2014 22:48
    Щауэ фIыцIэ набзапцIэу
    ЩIыпцIэр зыгъэхулIэ,
    ЛIыцIэкIэ дызэджа,
    ЕкIэпцIэ ц1ынэ къэпшами,
    Пхудогъэгъу,
    Пхъэ гъур къэпшами,
    Дынохъуэхъу!
    Хъуэхъур зи щIасэу,
    Ди псэм хуэдэу ди щIалэ!
    КъэкIуэж, дыноджэ.
    Къеблэгъэж, дыножьэ.
    Жьыхэр дыпхуохъуахъуэ,
    ЩIалэхэр къохъуапсэ,
    ПсэукIэщIэм щIыбодзэри,
    Дзыншэ Тхьэм уищI!
    Уей, ди щауэ фIыцIэ,
    Уей, ди щауэ набдзапцIэ,
    Уей, ди шынэхъыщIэ,
    ЛIэщIыгъуэр зей,
    Зейхэм я дэрэжэгъуэ,
    Бажэм уещэм,
    Щыхь къэбукIыу,
    ХъыкIэ уещэм,
    Дыщэ къихъуэу,
    Уи ныбжьэгъу куэд ухъу!
    Мыр лъэпкъ лъэужьым
    Къыщежьа лъагъуэщ,
    Лъэпкъ мыгъэкIуэдщ,
    Уи жьы хъугъэм
    Дамыгъу дэгызэщ,
    Уи ныбжьэгъухэр
    Гъуэрыгъуэ шэнтщ,
    ГъащIэм и щIэращIапIэщ,
    ЩIапIэхэм я дыгъэ-мазэщ,
    Хабзэхэм я гухэхъуэшхуэщ,
    ФIыгъуэшхуэр лъэпкъым къихьащи,
    Хъуэхъубжьэр къызэхуашэс,
    Зэхуэсахэм хъуэхъу къыпхужаIэ,
    Псэхэр мэгуфIэ,
    Блэгъэф1хэр мэпэкIу,
    КэкIуахэр уэ къожьэ,
    Къеблэгъэж, дыноджэ,
    КъыдэпщIари догъэгъу,
    Ди фадэбжьэр мэсыс,
    Уи нэмысым дыпоплъэ,
    ДыпIуплъэну дыножьэ,
    Ди фадэбжьэр убыд!
    Уи адэм и щIапIэр гъэдахэ,
    Уи анэм дахэу епсалъэ,
    Уи лъабжьэм дохъуэхъу,
    Тхьэм и хъерым долъэIу!
    КъолъэIу гупым къахыхьэ,
    Уакъыхэмыхьэм -
    Гъуэгу темыхьэр бэнакIуэщ,
    ХьэуазапIэм укъыщыхэкIакIэ
    ДариипIэм щыжей,
    "Сожей" жыпIэу ухэмыжае!
    Дыгъэр зи нэкIу,
    Мазэр за набдзэ,
    Си щIалэ щауэ,
    Щауэ махуэ хъун!
    Дыщэ фалъэр зыIэщIагъэувэу
    Жыхафэгум къэдгъэувын,
    Си щ1алэ, къэкIуэж!
    Нобэ жьыи щIэи
    Мыбы гугъу дехьам
    Фи гъащIэр кIыхьу,
    Фм намысыр лъагэу,
    Фм насыпыр куууэ,
    Фи акъылыр хурикъуу,
    Гухэхъуэр фи куэду,
    Фадэбжьэр зефхьэфу,
    Пшэрыхьри вгъэвэфу,
    Тхьэм фигъэпсэу!
    Уэ си щIалэ,
    УцIыкIухункIэ узигупащ,
    Йын ухъури - узилъэпагъщ,
    Фыз къапшэри - узиунэкъуэщщ,
    Унэкъуэщ махуэ Тхьэм уищI!
    Тхьэрыкъуэ пхэхуу,
    Бжьэхуцыху Iэпэу,
    Iэпэ зыхуишийм
    Псэ къыпигъэкIэу,
    КъэкIыгъэу щыIэм
    И шхын хэлъу
    Уздэувэм ущимыгъэгупсысэу,
    УздэтIысым ущимыгъэжейуэ,
    Ужеям къыптелъэщ1ыхьрэ,
    И Iэнэгур къабзэрэ
    И бзэр къыпхуэIэфIу
    Къэпшамэ, уехъулIащ, тIасэ!
    И нэр зэтридзрэ
    Дыгъэ бзийр къыщIидзмэ,
    И жьэр зэтрихрэ
    Дахэ къыжьэдэкIмэ,
    Тхьэмадэжьри имыгъэхызэу,
    Гуащэжьри иримыгъэк1уэтэкIыу,
    ЕкIуэтэкIар къришэлIэжыфыну
    Тхьэм акъыл кърит!
    "Сыунэнщ" жыпIэу
    Лъэныкъуэ зыщебгъэзам:
    Мэшу тепсэр
    Ажэ жьакIэу уфафэу,
    Афэ гъуапэу уэндэгъуу,
    Уи фохэр гуибгъуу,
    Уи шыгъухэр гуиупщIу
    Тхьэм уегъэпсэу
  • 29 мая 2014 22:50
    Зи набдзэкIитIыр пцIащхъуэкIэ,
    ЛъэнкIапIэм теуэр зи щхьэц,
    Кърым бжьэхуцыр зи щIыфэ,
    Фадафэм зи гугъу ягъэш,
    Хъуэхъубэр зыхуагъэшу ди нысэ,
    Гунэсу соIуэ тхьэрыIуэ!
    Тхьэрыкъуэ пщэхуурэ Iэхулъэхуу,
    Зи нэгум хуитуэ псэун!
    ПсэукIэм и дахэр Тхьэм къуит!
    Къуитыну насыпыр щIэращIэу,
    Уи джанэр Iэщхьэхурэ бырыбу,
    Джэджьей бынурэ убагъуэу,
    Бэгъуэжауэ Тхьэм уэ къуит!
    Уи гуащэ уи бзэ хуэщабэу,
    ТIысыпIэм и щабэкIэ уегупсэу,
    Нэмысыр нарт хабзэу хузепхьэу,
    Узытемыхьэр уи тхьэмадэжьу,
    Уи пщыкъуэжь ухуэубзэу-ухуэдэу,
    Цей зыхуэбдым уи щытхъу иIуатэу,
    Дунейм утетынкIэ сохъуэхъу!
    Лъэдакъэм и махуэр
    Мы лъэпкъ Iумахуэм къахуэгъанэ,
    Ди унагъуэм Бадзэуэгъуэ уэшхыр къытхуэхь,
    Хьэ пасэу къэщхьэлъэ,
    Уи лъэр зыщытеувэм щыхъуахъуи,
    ХъуэхъубэкIэ сожьу.
    Фом хуэдэу зыхыхьэм къалъагъун,
    Уи нитIыр къызэтехи,
    Къэбакъуэ иджы!
  • 16 июл 2014 00:02
    Адыгэ хъуэхъу дахэ
    Уафэ джабэр ди унэ бжыхьу,

    Щlым и лъащlэр ди тlысыпlэу,

    Уафэгъуагъуэм дыкъимыгъаскlэу,

    Къаскlэхэр ди бийхэр арауэ,

    Хъуаскlэхэр ди жьэгу мафlэм къыдидзу,

    Дыгъэ къуэпсым и нэхур къытхидзу,

    Пшэхэр ди къуэш пэлъытэу,

    Ди анэ-адэхэр псом хуэмыдэу тлъытэу,

    Ди зэхуаку дэлъыр гулъытэу,

    Жагъуэгъухэм ягу щагъэфlхэр ткъутэу,

    Езыхэм ди щхьэц налъэ яхуэмыкъутэу,

    Ди къуэшхэм щынэлыр ядэткъутэу,

    Ди пщащэхэм закъутэрэ загъафlэу,

    Ди губгъуэ lэнэхэр дыгъафlэу,

    Гупсысэ lэфlхэр гухэм щыдгъафlэрэ

    Къытпэщылъ lуэхухэр щlыкlафlэу,

    Гъуэгу къытпэщылъыр къызэнэкlыгъуафlэу,

    Нартхэ я лъэужьыр хэмыгъуащэу,

    Гъуащэхэр нэ къыдэзыщэхэр арауэ,

    Ди унэ гуащэхэр lущабэу

    Дызытеувэр щlы фlыцlэ щабэу,

    Зыддзымэ дымыщэ пlащэу,

    Ди пщащэхэр къытхуэгумащlэу,

    Адыгэ Хабзэр ди щlэблэм едгъащlэу,

    Шыгъу пlастэм зыщыдмыгъащlэу,

    Фlы щlэным дыхуэпlащlэу,

    Нэщхъеягъуэхэр ди мащlэу,

    Ди псы уэрхэр lуедмыгъащlэу,

    Ди псыхъуэжь кlуэцlхэр къабзащэу

    Адыгэ цlыхухэр щэджащэу,

    Уз бзаджэхэм дыгъуасэр я мащэу,

    Адыгэщlхэм дыщытепщэу,

    Жьы махуэхэр къытхуепщэу,

    Ди псыхэр мыутхъуэрэ,

    Псынэпсхэр бжыгъэншэу къыщlэжу,

    Ди lэнэм тетыр тхъущlэжу,

    Ди тхыдэ телъыджэр тщlэжу,

    Щlэблэр къуэпс бжыгъэншэу къыткъуэжу,

    Сыт тхузэфlэмыкlами зытщlэжу,

    lуэху зэпыдгъэуахэм тхупыщэжу,

    Ди напэхэр мылъку щхьэкlэ дымыщэжу,

    Тщыгъупщэжар къытхуэщlэжу,

    Гъавэр хадэхэм щыгъунэжу,

    Къуэпс ныкъуэфхэр пыдгъэжу

    Зэпыча псор тхузэпыдэжу,

    ЩхьэгъэпцIэныр дымыдэжу,

    Ддэр цlыхугъэрэ напэу,

    Адыгэ Хэкум и lуэхур тфlэнэхъапэу,

    Зэгурыlуэныгъэр ды зэхуакум щыбатэу

    Щхъужь къыдатхэр тфlэфоматэу,

    Зыми зедмыгъэщхьрэ

    Псоми зыкъыдагъэщхьыу,

    Ди псыежэххэм я щlагъыр мывэкlэщхъыу,

    Дыгуфlэгурэ дыгушхуэу,

    Адыгэ лъэпкъыр Тхьэм дигъэпсэу!
  • 16 авг 2014 21:35
    Гъэм къэк! удзыр зы вым ихъуркъми,къэхъуну псор зы л!ым ищ!эркъым.....Бзэр гъэ!эсэ,псэм удэмылажьэ,жьыгъэм зомыгъэм,хьэм уемытхьэкъу,къуэм уемубзэ-бзаджэм уемуал!э,л!ыгъэм уримыбий уи бий л!ак!э уигу жьы домыгъэху.
  • 3 янв 2016 10:51
    Илъэсыжь едгъэжьэжым нэщ1эбжьэу, гукъеуэу, гугъуехьу щытлъэгъуахэр, щыдгъэвахэр дызытехьэ илъэсыщ1эм хуэдэ минк1э нэхъ мащ1э щыхъуну!Илъэсыщ1э къытхуеблагъэм гъэжьым щытлъэгъуа гуф1эгъуэхэр, гукъыдэжхэр, дэрэжэгъуэхэр, ехъул1эныгъэхэр; абы дыщызыхущ1экъуа нэмысыр, ц1ыхугъэр, насыпыр, хабзэ дахэр, гущабагъэр, гущ1эгъулыгъэр, гукъабзагъэр, бзэ1эф1ыгъэр, щэнхабзэр хуэдэ минк1э тхуэбэгъуэну!Мы илъэсыщ1э дызыхыхьэм щыщ1эдзауэ ди нэхъыжьыф1хэр жьыщхьэ махуэ хъуну!Ди нэхъыщ1эф1хэр ф1ыгъуэ нат1эу псэуну!Тхьэмадэ пхъашэхэр нэхъ щабэ хъуну!Гуащэ ябгэ щымы1эжыну!Щ1алэхэр малъхъэф1 хъуну!Хъыджэбзхэр нысэф1 хъуну!Къуэхэр адэ-анэхэмк1э хьэлэлу щытыну!Пхъухэр адэ-анэмк1э гу щабэу щытыну!Зэщхьэгъусэ зэгурымы1уэ щымы1эжыну!Нысэхэр сыт щыгъуи гуащэ-тхьэмадэмк1э гуапэу щытыну!Малъхъэхэр щыкъу адэ-щыкъу анэхэм яхуэгуапэ зэпыту щытыну!Зэмалъхъэгъухэр зэкъуэшыф1ым хуэдэу зэхущытынхэу!Зэнысэгъухэр зэшыпхъуф1хэм хуэдэу зэдэпсэуну!Унагъуэ къэс зэшитху зэшхуэзэесрэ зэрыс унагъуэм и щ1эгъэкъуэну къихъуэну!А тхум и шыпхъуищыр щэныф1э защ1эрэ 1уэху щ1эн хуэпабгъэу щытыну!Адэ-анэхэм я щапхъэф1к1э бын щыпкъэ ягъэсэну!Зи сабий сымаджэщым къыщ1эзынэн ди ц1ыхубзхэм къахэмык1ыну!Сабий зеиншэ щымы1эжыну!Бынхэм я напэр тезых адэ-анэ щымы1эжыну!Адэ-анэхэм я напэр тезых бын къэмыхъуну!Ди зы ц1ыхуи и акъылыр фадэм имыгъэутхъужыну! Дэ тщыщ гуэри и тхьэмбылыр тутын к1агъуэм имыгъэуф1ыц1ыну!Зи мымылъку зэзыхьэл1эм и хэхъуэр бадзэрэ дзыгъуэу къебгъэрык1уэжыну!Мылъкук1э нэпсейхэр мащ1э дыдэ хъуну!Щ1эныгъэк1э нэхъуеиншэхэм я бжыгъэр куэдк1э нэхъыбэ хъуну!Къулыкъу щ1энэц1хэм я ц1эр щ1эх дыдэ к1уэдыжыну!Щхьэхуещэхэр зэщэр зэи къаймыхъул1эну!Нобэ зык1и зызмыгъэнщ1хэм жыхьэнмэм зыщат1ыжыну!Хъуэжак1уэ-щэжак1уэхэм яхуэныкъуи як1элъыджи щымы1эжыну!Дыгъуак1уэхэм къадыгъур дзыгъуэшхуэу зэбгрыжыжыну!Фадэ зыщ1хэм щ1эпхъаджагъэу ялэжьыр нэхъ псынщ1эу къагуры1уэжыну!Фадэм лъэпкъыр хуэмурэ зэритхьэлэр къагуры1уэу абы дихьэххэм щагъэтыжыну!Фадэр зэран зыхуэмыхъу щ1эблэ узыншэ къытщ1эхъуэну!Мамырыгъэ гъащ1эрэ щ1эблэ узыншэрэ къыдэхъул1эну!Сыт щыгъуи лъагъуныгъэ къабзэрэ ныбжьэгъугъэ нэсрэ ди1эну!Нэгъуэщ1 лъэпкъхэм дагуры1уэу, дахуэгуапэу дыпсэуну!Ди щ1эблэр щ1эныгъэм дихьэхыу еджэну!Ди балигъхэр лэжьыгъэм хуэ1эрыхуэу, берычэтыр къайхъул1эу лэжьэну!Дэтхэнэ ди лъэпкъ унагъуэми хэщ1 зым и п1эм пщ1ы къихъуэжырэ дыбэгъуэну!Лъэпкъыбзэр, хабзэр, тхыдэр, диныр, фащэр, шхыныгъуэ гуак1уэхэр къэгъэщ1эрэщ1эжыным ди ц1ыху псори жыджэру хэтыну!Ди нэхъыщ1и ди нэхъыжьи я гур къабзэу, я бзэр дахэу, зэгуры1уэу, зэдэ1уэжу, зым 1эпыхур зым къищтэжу, гуф1э тхъэжу дызэдэпсэуну Сохъуахъуэ!
  • 21 мар 2016 07:47
    Уэ ди Тхьэ закъуэ!
    Уафэри щIылъэри зезыгъакIуэ
    Тыгъэшхуэр къызыбгъэдэкI.
    ЩымыIэр хэзыгъахъуэу
    Телъыджэр зи Iэужь.
    Псори зыщыгугъуу
    Зыми щымыгугъыж,
    Къэхъури зэлъэIуу
    Зыми емылъэIуж ди Тхьэ,
    Зы Тхьэ,
    Тхьэшхуэ!
    Хъуэхъур дибэу, дыбагъуэу,
    Губгъуэу диIэр бэвылъэу,
    Лъэуджыджэ тхэмыту,
    Iей тхэтыныр ди жагъуэу,
    Ди жагъуэгъухэр зэгуэпу,
    Ди япэ идгъэщ щымыIэу,
    Ди фIыгъуэр здэдгуэшу,
    Гукъеяуэр здэтшэчу.
    ДищI бэвылъэр темыкIыу,
    Ди пщащэхэр щIыкIафIэу,
    Ди щIалэфIхэр лIы хахуэу,
    Ди Iуэху дэна ямыщIу,
    "Iуэху щIэн" жаIэм къэжану,
    Пэрытыныр и хьэлу,
    ХьэгъуэлIыгъуэр яублэу,
    Бланэм хуэдэу къарууфIэу,
    МафIэм хуэдэу къэмыскIэу,
    Ди щIэблэр ефIакIуэу,
    Ди нэхъыжьхэр тхуэузыншэу,
    Iэнэм щысым тхьэмадэфIу,
    Хасэм хэтым гуащIафIэу.
    ФIыгъуэ дыщымыщIэу,
    ЩIэм дигъэгуфIэу,
    ХъугъуэфIыгъуэхэр ди бащэу –
    ИлъэсыщIэр етхьэкIыну
    Тхьэшхуэу дыкъэзыгъэщIам жиIэ!
  • Комментарий удалён.
  • 10 фев 2017 18:46
    Илъэс щэныкъуэк1э зэдэпсэуахэм хуэгъэзауэ
    Жьыщхьэ махуэ фызэдахъуауэ
    Лъэпсэжь фыщытхъэу
    Уардэ унэжь фи т1ысып1эу
    Фи пш1энт1эжь выжь ук1ып1эу
    Хьэш1э зек1уап1эу
    Уэркъыжь епсыхып1эу
    Къихьэм къыринэу
    Ик1ым къырихьэу
    Ш1эблэр фикуэду
    Хабзэк1э гъэсауэ
    Хэкумк1э я гур плъэуэ
    Ш1алэхэр къудану
    Хэкум и л1ыхъужьхэм
    Яхэувэу
    Фи хъыджэбзхэм
    Пщащэ лэгъунэ хуагъэфащэу
    Фи ш1алэхэм зек1уэ къащыхьэу
    Зек1уэ гъуогужь теувэхэу
    Щолэхъужьым и лъэрыгъыпсым
    Лъапэ махуэ ирагъувэу
    Шыщхьэр зыдагъазэр къехъул1эу
    Къуентхъ бей къыфхуахьу
    Уэркъыжь хабзэк1э ягуэшыжу
    Фи жьыщхьэ уэрэд фхуаусу
    Пхъэ пшынэжьыр фхуагъаджэу
    Бжьэмиижьыр фхуагъэбзэрабзэу
    Пшынэ ф1ыц1эжьыр фхуагъэшэрашэу
    Хэку хуитым щхьэхуиту
    Фыщызек1уэну
    Нэсыпым фыхэпсэук1ыну
    Дыфхуохъуахъуэ
  • 20 фев 2017 21:23
    УНАГЪУЭ ДЫЩЫХЪУАХЪУЭМ -
    ФЫЗИБГЪУМ ШАТЭР ЗЭ1АШ1ЭУ,
    ФЫЗИПШ1ЫМ ДЖЭДЫР ЗЭДАХЪУУ,
    Я ЧЕЙР ЗЭГУЭЗЫУДЫР Я ФАДЭУ,
    1ЭНЭР ЗЫКЪУТЭР Я ШХЫНУ
    ЗЭПЫМЫЧЫЖЫР Я ХЪУЭХЪУУ,
    УЭРЭД ЖЫЗЫ1ЭР Я ХЪЫДЖЭБЗУ
    ИМЫЗУ ПСАЛЪЭР Я НЫСЭУ,
    Я МАИСЭР Я К1Э КЪУАГЪ КЪУЭЛЪУ,
    ВАГЪУЭМ ХУЭДИЗЫР Я Ш1АЛЭУ ,
    ГУЭЛЫМ ХУЭДИЗЫР Я ГЪЭШУ ,
    МЫУВЫ1ЭЖЫХЭР Я ЩХЬЭЛУ
    КЪЕБЛЭК1АР Я АФЭУ,
    ДОМБЕЯФЭР Я БГЪЭНУ,
    ЗЫ ГУБГЪЭНИ ЯМЫ1ЭУ ,
    Я НЭХЪЫЖЬЫМ
    ДЗАЖЭ ДАКЪЭР Я 1УСУ
    Я СЭР ЛЫЖЬЫМ КЪЫ1УИГУЭУ,
    Я ХУГУМ ПШАТХЪУЭ ТРИХЬЭЖАУЭ,
    Я НЫСАШ1ЭХЭМ
    ДЭРИЙ К1ЭПХЫНК1Э КЪАК1УХЬУ
    ДОХЪУАХЪУЭ ГЪЭ МИНК1Э ПСЭУНУ !!